Текст песни
Для этой песни доступен текст без караоке-подсветки.
Узи1эжкъым си анэ дыщэ нобэ Сыту пасэу сэ ус1эщ1эк1а Узгъэф1энут си анэ узи1эжтэм Нэгъуэщ1 гуэру гъащ1эр етхьэк1ынт Мис аргуэру гъэхэри зэблок1ыр Махуэм махуэ къилъхуурэ йок1уэк1 Узи1эжкъым си 1э щабэ ц1ык1ухэр Зи бзэр 1эф1ыу Си анэ сигу укъок1 Мама мама жыс1эурэ сыноджэр Ауэ си джэ макъыр зэхомых Сызэхэпх къысф1эщ1ыурэ йок1уэк1ыр Сэ уэрыншэу гъащ1эр изохьэк1 Узи1эжкъым гъащ1эм и къежьап1эр Зи бзэр 1эф1 сэ сигум уэ уимык1 Мама уи 1э щабэхэр сигу къок1ыр Хьэршым сынэк1уэфтэм сынэк1уэнт Мама уи щхьэц дахэр къэзут1ыпщти И к1ыхьагъым сеплъыу сэ сыщыст Нэсырт уи щхьэц к1ыхьыр лъэгум мама Зызгъэщ1агъуэу щхьэцым сык1эщ1эст Зыри уэ жомы1эу зэрызысщ1хэм Укъызэплъыу щыму уэ ущыст Мама сщ1ам къигъэзэжыну а зэманым Уэ сынодэхащ1эу усхъумэнт Мама мама жыс1эурэ сыноджэр Ауэ си джэ макъыр зэхомых Сызэхэпх къысф1эщ1ыурэ йок1уэк1ыр Сэ уэрыншэу гъащ1эр изохьэк1 Узи1эжкъым гъащ1эм и къежьап1эр Зи бзэр 1эф1 сэ сигум уэ уимык1 Мама уи 1э щабэхэр сигу къок1ыр Хьэршым сынэк1уэфтэм сынэк1уэнт Мис аргуэру илъэсыщ1эр къосыр Уэ удимыгъусэу къидгъэхьэнщ Мы си гущхьэр мама къызэгуочыр Укъэслъыхъуэу хьэршым сынэк1уэнт Уэ умыгузавэ си анэ дыщэ Ирикъун къару уэ къысхэплъхьащ Уэ сынощхьу гуапэу къарууф1эу Дунейшхуэм уэ сыкъытебнащ Мама мама жыс1эурэ сыноджэр Ауэ си джэ макъыр зэхомых Сызэхэпх къысф1эщ1ыурэ йок1уэк1ыр Сэ уэрыншэу гъащ1эр изохьэк1 Узи1эжкъым гъащ1эм и къежьап1эр Зи бзэр 1эф1 сэ сигум уэ уимык1 Мама уи 1э щабэхэр сигу къок1ыр Хьэршым сынэк1уэфтэм сынэк1уэнт
JannaLuna — Си анэ
«Си анэ» — JannaLuna. Читайте текст песни, слушайте запись онлайн бесплатно или скачайте mp3. Длительность записи — 6:17. Жанр — Поп.
