Текст песни
Для этой песни доступен текст без караоке-подсветки.
Дытехьауэ насып гъуэгум Уэрэ сэрэ дырик1уэнт Си 1эпэгъу уэ си гум жи1эм Гъащ1э псом укъезгъэджэнщ Дыгъэ бзийм и хьэрф дыщэпсыу Уи ц1эр си псэ къыритхащ Ар дэращ зи гъащ1э тхылъыр Зыпымыуэ здэттхыжынщ Ар уэращ Ар сэращ Уэрэ сэрэщ зи дунейр Ар сэращ уи щэхуращ Ар уэращ гухэлъыращ Си гурыщ1эм щызгъэпщк1уауэ Зэман куэдк1э къесхьэк1ащ Мис иджы уи 1эпэр с1ыгъыу Дыгъэр уафэм къепсыхащ Къигъэнэхуу махуэ къэск1э Ди гъуэгуанэр дигъусэнщ Тхьэшхуэм тыгъэу къыдитауэ Ди насып зы чысэм илъщ Ар уэращ Ар сэращ Уэрэ сэрэщ зи дунейр Ар сэращ уи щэхуращ Ар уэращ гухэлъыращ
Азамат Цавкилов — Гъащlэм и гъуэгу
«Гъащlэм и гъуэгу» — Азамат Цавкилов. Читайте текст песни, слушайте запись онлайн бесплатно или скачайте mp3. Длительность записи — 3:06. Жанр — Этническая.
