Текст песни
Для этой песни доступен текст без караоке-подсветки.
Набдзэ къурашэу, щхьэцыгъуэ ф1ыц1эу И теплъэ гуак1уэр дунейм щы1уащ Унагъуэ абгъуэм илъэтык1ыну Дахэр утыкум къытхурашащ Ныбжьэгъу хъыджэбзхэм пщ1э хуащ1ыну Тхьэ1ухудыр къаувыхьащ Унагъуэ лъагъуэм тырагъэхьэну Нысэгъаф1э удж ирагъэжьащ 1уащхьэмахуэ хуэдэу уи нэмысыр лъагэу Удз гъэгъам хуагъадэу гъащ1эр дахэ ищ1 Нысэгъаф1э уджк1э гъуэгу к1ыхь утырашэ Ди Тхьэм мыухыжу уи гуф1эгъуэр пхуищ1 Псынэпс къыщ1эжу уи гур уэ къабзэщ Адыгэ хабзэр псэм хэухуэнащ Хъуэхъук1э гъуэгуанэ утрагъувэну Нэхъыжь мэхъсымэр къыпхуа1этащ Пшынэр бзэрабзэу, пхъэц1ыч дежьуэ Гуф1эгъуэшхуэр ирагъэжьащ И лъакъуэ ижьк1э нэсыпым хуэк1уэу Нысэр лъагъуэ тырагъуващ
Мурат Шокуев — НысэгъафIэ удж
«НысэгъафIэ удж» — Мурат Шокуев. Читайте текст песни, слушайте запись онлайн бесплатно или скачайте mp3. Длительность записи — 3:23. Жанр — Этническая.
