Текст песни
Для этой песни доступен текст без караоке-подсветки.
Уэ IэщIыб сыпщIа уигугьэу уежьэжам Уимыгугьэ хей абык1э ухъужау Лей зепхьауэ фIым ущымыгугьу жаIам Псалъэжь пэжыр хьэкъ пщымыхьу уепцIыжа Къысхуэгъэгъу, гъащIэм и дахагъ умылъэгъуам Уи гуапагъ щIылъэм ноби уэ къытемыхьам Къысхуэгъэгъу, дахэу си псэ уэ зэхомыщIам Уи пщэдейм ар къэсыну уемыгупсысам Мылъку ухэсми ар пщэдей пщэдджыжь уэсэпсщ ФIыгьуэ уиIэу уимыгугъэ Псори нэпцIщ Гъуэгу уиIэнкьым цIыхум лей кIэльэзепхьам Лъагьуныгъэм уелъэпау уежьэжам Къысхуэгъэгъу, гъащIэм и дахагъ умылъэгъуам Уи гуапагъ щIылъэм ноби уэ къытемыхьам Къысхуэгъэгъу, дахэу си псэ уэ зэхомыщIам Уи пщэдейм ар къэсыну уемыгупсысам Гугъу къытщохъур къысхуэгъэгъу тIэкIу жытIэжын Щымыуэни къытехьакьым щIы хъурейм Дерс къытетхыу ди къуэншагьэм дыпсэун ДымыукIытэу дыхуэзэну ди пщэдейм Къысхуэгъэгъу, гъащIэм и дахагъ умылъэгъуам Уи гуапагъ щIылъэм ноби уэ къытемыхьам Къысхуэгъэгъу, дахэу си псэ уэ зэхомыщIам Уи пщэдейм ар къэсыну уемыгупсысам Уи пщэдейм ар къэсыну уемыгупсысам
Вадим Хатухов — Къысхуэгъэгъу
«Къысхуэгъэгъу» — Вадим Хатухов. Читайте текст песни, слушайте запись онлайн бесплатно или скачайте mp3. Длительность записи — 4:43. Жанр — Этническая.
